16.01.2019
Дыгъэгъазэм и 25-м Налшык къалэ щекlуэкlащ Хьэтlохъущокъуэ Къазий и цlэр зезыхьэ Адыгэбзэ хасэм иригъэкlуэкlа "Си анэбзэ, си адыгэбзэ" тхыгъэ зэпеуэм зи гупсысэкlэкlэ къыхэжэныкlа сабийхэм я гъэфlэж пшыхь.Пшыхьым щагъэлъэпlахэм яхэтащ лицейм и 11- нэ классым щеджэ Дзэгъащтэ Дианэрэ абы и егъэджакlуэ Iуэхъу Аллэрэ.3-нэ увыпlэ къэзыхьа Дианэрэ и егъэджакlуэмрэ Фlыщlэгуапэ тхылъхэр къыхуагъэфэщащ ахъшэ тыгъэ щlыгъуу
Просмотров всего: , сегодня: